зэ

зэ
I кизил (ягода)
/ И фэкIэ, балийм хуэдэу, плъыжь-фIыцIафэу, хуэкIыхь щIыкIэу, и кум пкъы кIыхь илъу фIэIу-гуащIэ щIэту зейм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэщ.
Зэ шхын. Зэр варенэу ягъавэ.
II нареч. 1. однажды
/ БжыгъэцIэ зым къытекIа наречиещ.
* Мащэм зэ ихуэр набгъэщи, тIэу ихуэр нэфщ. (погов. ) Ей, пкIауэ, пкIауэжь мыгъуэ! Зэ улъэри уаIэщIэкIщ, тIэу улъэри уаIэщIэкIщ, ещанэм я IэмыщIэ уихуащ. фольк.
2. когда-либо, когда-то
/ Зэгуэр, зэман гуэрым.
* Хьэжы-Исмел и IупщIакIитIыр губжьауэ фIызэтож: -- Аллахьэ, пщы Аслъэнджэрий, а уи жьэм зэ утекIуэдэжыным уэ. Ш. А. {Дыгъужьым:} - Дапщэрэ бжесIа, Бажэ цIыкIу, си ныбэр щынэщIым укъыздэмыгушыIэ жысIэурэ! БжесIэххэурэ зэ фэбжь гуэр хэпхынущ. Дыщэ кI.
Зэ еплъыгъуэкIэ на первый взгляд.
* Зэ еплъыгъуэкIэ къыпфIэщIынут перс шуудзэр зауэм хуэузэдауэ. Ш. А.
Зэ зы мазэ наконец, в конце концов. Зэ зы мазэ игу къэкIыжын.
Зэ илъыгъуэ один рывок, прыжок.
Зэ мыхъуми зэ когда-нибудь.
Зэ папщIэ кубано-зеленчукские сначала, сперва, вначале.
* Хьэуар къабзэу зэ папщIэ нэм къыфIэщIами, ар къабзэтэкъым. ГуфIэгъуэ. Марят зэ папщIэ хъыбарым иригуфIащ, уаэ аргуэру щIегъуэжащ. Анэд.
III союз то... , то...
/ Зэзыпх - къызэкIэлъызыхь союз.
* Сурэттехым хуэжыIэдаIуэу, Софят зэ щIогуфIыкI, зэ нэщхъ уфауэ зегъэзэж. Щ. I.
VI частица -ка
/ Тегушхуэныгъэ мыхьэнэ иIэщ.
ТIысыт зэ. Тэджыт зэ.
* - Зэ умыпIащIэт, Дисэ, - жиIэри Астемыр фыз IукIыжыну мурад зыщIар къигъэувыIащ, - зыIэжьэ зытIэкIурэ. КI. А.

Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.

Игры ⚽ Поможем сделать НИР

Полезное



Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»